Актуально В Карачаево-Черкессии выросло количество абонентов, заключивших договоры на техническое обслуживание газового оборудования СКФО Топ-5 причин, почему ДМС выгоден для компаний любого размера СКФО Закрытый факторинг и его отличие от открытого СКФО Важность калибровки весов СКФО Про фильм «Индиана Джонс: В поисках утраченного ковчега»

Напэм и уасэр

28.01.2015 1676
Напэм и уасэр
калмыковЩIымахуэпэу, адыгэхэм щIышылэкIэ зэджэ мазэу дунейм къытехъуащ зи цIэр жыжьэу зыгъэIуа, зи лъэпкъым и щIыхьыр зыIэта, Урысейм и бэдаущ утыкум нэгъэсауэ щилIыфIыхьа адыгэлI гъуэзэджэ – Къалмыкъ Юрэ. Мы щIалэ ахъырзэманым и цIыхугъэ, лIыгъэ уасэр къриппщытэнуи ирикъунщ, Шэшэным зауэр къызэрырагъажьэм иримыарэзыуэ, уеблэмэ ар зыщIэ властым адэкIэ и мэ къыщыуну хуэмейуэ, къэралыгъуэшхуэм и министр IэнатIэр зэригъэтIылъар! Сыт хуэдэ къулыкъущIэ нобэ ар зыхузэфIэкIынур?! Урысейм и министр IэнатIэ щыгъэтыжауэ, муниципальнэ щIыпIэм щыуэркъ нэхъ къулыкъущIэ цIыкIум и шэнтым папщIэ уи нэр къричынущ. Юрэ и гъащIэмкIэ наIуэу игъэлъэгъуащ лIыгъэ, цIыхугъэ, напэм и уасэ жыхуаIэр. Хьэуэ, мыр фэрыщIыгъэ псалъэкъым. Мы лIы хъарзынэм и гъащIэ лъэбакъуэ къэси хэчыхьауэ зэхуэфэщэжщ, нэгъэсауэ зэтеубыдащ, мыхьэнэкIи гъэнщIащ. Аращ и фэеплъри нэхугъэу лъэпкъым къыщIыдэгъуэгурыкIуэр. Адыгэ юрист щэджащэр псэужамэ, илъэс 81 ирикъунут мы мазэм. Илъэс 18 ирикъуауэ къытхэмытыж Юрэ нэгъэсауэ лъэпкъ щIыхьым и джэрпэджэжт. АтIэ, хуэфащэтэкъэ апхуэдэ псалъэ лъэпкъыр зэщIэубыдэжынум лъабжьэ хуэхъуа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэхэм яхэта, Урысей Федерацэм и юстицэ IуэхухэмкIэ министру лэжьа, Урысей къэрал псом джэлэс хуэхъуа Гражданскэ Кодексым и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм я пашэу яхэта адыгэ щIалэм! ГъащIэм зэрахухихщи, иужьым лъэгапIэхэм нэсыну цIыхухэр я сабиигъуэм, щIалэгъуэм псыхьа мэхъу. И нэхъыбэм, ар гугъуехьщ, гугъусыгъущ, зэзэмызи гуауэщ псыхьа зэрыхъур. Юри щIэх зыхищIэн къыхудэхуащ апхуэдэ гуауэрэ хьэзабрэ. Илъэс 13 фIэкI иримыкъуауэ и анэр щхьэщыукIуриикIащ. Юрэ и адэ-анэр еджапIэрат зыщылажьэр. Ар и фIыгъэу, щIэх тхылъым дихьэхащ, езым и щхьэ хьэрычэткIэ щIэныгъэ лъабжьэфI зыхуигъэтIылъыжащ. И унагъуэр гугъусыгъу зыхэтым къыхэкIкIэ, мурад, гугъэ куэд зригъэтIылъэкIын къыхудэхуащ Юрэ и щIалэгъуэм. Арами, унагъуэми зыщIигъакъуэу, и щхьэми щIэныгъэ хуэзыгъэтIылъыжурэ къыдэкIуэтей щIалэм хузэфIокI медучилищэм щIыхьэн. Ар гъэщIэгъуэнщ, ауэ, къэрал псом зи цIэр щызыгъэIуа юрист Къалмыкъым и япэ IэщIагъэу зыхуеджар – акушер IэщIагъэрат. Хуеджа закъуэм къыщымынэу, ирилэжьэни хущIыхьащ. ЛъэгапIэхэм хуэкIуа цIыхушхуэхэм я гъащIэм ущыхэплъэжкIэ, хомылъагъуэу къанэкъым абыхэм гъащIэм пабгъэныгъэ хуаIар, хьэрычэт къызыкъуахар. Языныкъуэми ущызэупщIыж щыIэщ - и гъащIэ лъэбакъуэхэм языхэзым апхуэдэу темыгушхуамэ, дэнэкIэ иунэтIынут и гъащIэм жыпIэу. Апхуэдэщ Юрэ хуэгъэза гупсысэри. Хуабжьу мурад быдэт ар зыхуэкIуар – и щIэныгъэм адэкIи зэрыхигъэхъуэн хуейрат. И анэ тхьэмыщкIэм къыщIэнэжа джэдыгур ящэри, Юрэ Ленинград еджакIуэ ягъакIуэ, юрист щIэныгъэми хуеджэну и ужь йохьэ. Юридическэ факультетыр ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ щIалэм. Иужьым, Хьэбэз районым къигъэзэжри, хеящIэу лэжьащ. А псомкIи къэмыувыIэу, Саратов дэт юридическэ институтым и аспиранту щIохьэ. Къыхихари гражданскэ къудамэрат. 1963 гъэм юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат мэхъу Къалмыкъыр. Абдеж дыдэми – здыщеджа институтым щылажьэу щIедзэ, кафедрэм и унафэщI мэхъу. Къалмыкъращ лъабжьэ хуэзыгъэтIылъар иужьым зэрыкъэралу цIэрыIуэ щыхъуа институтым и гражданскэ къудамэ лъабжьэм. 1971 гъэм Юрэ юридическэ щIэныгъэхэм я доктор мэхъу. Уеблэмэ Совет Союзым и правовед нэхъ щIалэ дыдэт ар а зэманым. Совет къэралым щызекIуэу щыта хабзэ быдагъэм уегупсысыжмэ къыбгурыIуэнущ ар зэрымыIуэху цIыкIур. Ауэ, а псоми емылъытауэ, Къалмыкъым хузэфIокI и щIэныгъэмрэ пабгъэныгъэмрэ щыхьэт техъуэж зэфIэкIхэр игъэлъэгъуэну. Аспиранту щеджэ зэманращ Юрэ унагъуэ щищIыр. Щхьэгъусэ пэж, гъащIэ щIэгъэкъуэн къыхуохъу Октябринэ. ИужькIэ Iуэху кърихьэжьэхэм, зэфIэкI игъэлъагъуэхэм я къуэпсхэр къыздыщежьэр, дауи, и унагъуэ купсэращ. Аращ чэнджэщ, гупсысэ джэлэсу и натIэм къритха илъэс щыгъэм хиухуанэри. «Бзылъхугъэ насыпыфIэу зызолъытэж – илъэс купщIафIэ 36-кIэ апхуэдэ цIыху хьэлэмэтым зэрыдесхьэкIам папщIэ, ахэр зы напIэ теуэгъуэу блэлъэтами», - жиIэжауэ щытащ Октябринэ. Юрэ къыхудэхуащ къэралым и зэхъуэкIыныгъэ пIалъэм хэлэжьыхьын. А илъэсхэращ Урысей къэралыщIэм и лъабжьэр гъэтIылъа щыхъур. Къалмыкъри абы нэгъэсауэ холIыфIыхь. 1989 гъэм ар СССР-м и цIыхубэ депутатхэм яхохьэ, абыкIэ иригъэжьа бэдаущ Iуэхухэм хэшытIа мэхъури, и иужьрей махуэхэм щыщIэкIыжу нэгъэсауэ къудамэм хуолажьэ. Юрэ и щIэныгъэм, зэчийм, зэфIэкIхэм хуэфэщэну пэджэжащ а илъсэхэм. СССР-м и Верховнэ Советым и комитетым и тхьэмадэу, Урысейм и шынагъуэншагъэмкIэ Советым хэту, Урысей Федерацэм юстицэ IуэхухэмкIэ и министру мэлажьэ. Ауэ, а псом къыщымынэу, Къалмыкъыр нэгъэсауэ хуолажьэ къэзылъхуа адыгэ лъэпкъым. ГъащIэ зэхъуэкIыныгъэхэм, зэман зэхэтхъуам лъэпкъ Iуэху гъуэгуанэр щегъэунэхуф. Адыгэ лъэпкъым и Конгрессым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм я тхьэмадэу мэлажьэ Къалмыкъыр. И щIэныгъэри, зэфIэкIри и лъэпкъым нэгъэсауэ хуегъэтIылъ, лъэпкъ Iуэхум и къежьапIэ купсэр здыщаухуэм и курыкупсэм хэтщ. А зэманращ къыщыунэхур Къалмыкъым и нэгъуэщI хьэл-щэнри – гъащIэми, къулыкъуми, IэнатIэми «яхуэмышха» и цIыхугъэр, икърарыр, щыпкъагъэр. Шэшэн республикэм къыщырахьэжьэну зи ужь ихьа япэ зауэм нэгъэсауэ ткIийуэ пэщIоувэ ар. Юрэ къыгурыIуэт апхуэдэ зауэм къихьыну гуауэр, ажалыр зыхуэдизыр, къыгурыIуэ закъуэкIи къэмынэу, апхуэдэ гупсысэ мыхъумыщIэхэр къэгъэувыIа зэрыхъунум и ужь итщ. Дауи, къэралым и юстицэ IуэхухэмкIэ министр IэнатIэр цIыкIутэкъым, Юрэ и псалъэми чэнджэщми пщIэ щхьэхуэ яIэт. АрщхьэкIэ къэрал лIыщхьэхэм я гупсысэр зыхуэкIуам текIыжыгъуейт, зэпэщIэувэныгъэ къэхъуахэми зы цIыху къарукIэ къэрал утыкум ущыпэщIэтыныр нэгъэсауэ ирикъутэкъым. Апхуэдэу щыхъукIэ, Къалмыкъым егъэлъагъуэ и щыпкъагъэ ткIиягъэр, икIи иджы къыздэсым ягъэщIагъуэ лъэбакъуэ быдэ еч – Шэшэным къыщрахьэжьэ зауэм нэгъуэщIкIэ щыпэмылъэщкIэ, апхуэдэ Iуэху зехьэкIэ и дуней тетыкIэм къызэремызэгъыр, зауэ кърахьэжьэм и гуауэм хэIэбэну зэрыхуэмейр иригъэлъагъуэу, министр IэнатIэр егъэтIылъ. ФэрыщIыгъэ лъэпкъ зыхэмылъщи, апхуэдэ лъэбакъуэ пчын папщIэ, икъукIэ нэгъэсауэ цIыхушхуэм хуэфэщэн хьэл-щэн къыпкъуэкIын хуейт. Зэманми гъащIэми къагъэува, къэрал утыкум щагъэнэIуа «щхьэусыгъуэхэм» уащхьэпрыплъыфу, цIыхугъэ гупсысэкIэ а псом ухэплъэныр Къалмыкъым и цIыху зэхэлъыкIэм хуэфэщэнт. Дауэми, а псор IэщIыб ещIри, куэдым къакъуэмыкIын лIыгъэ къызыкъуехыф адыгэлI щыпкъэм. БлэкIащ а зэман жыжьэхэр, Шэшэным къыщрахьэжьа япэ зауэм етIуани къыкIэлъыкIуащ, ажалрэ гуауэрэ здыщытепщэу щыта щIыналъэм, къэрал псом иужькIэ къыщыхъея Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэм уахэплъэжмэ, уемыгупсысу къанэкъым: «Ярэби, а зэманым Къалмыкъым жиIа псалъэхэм арэзы ирихъуу, а зауэ гуауэр Кавказ щIыналъэм къыщрамыхьэжьатэмэ, хэгъуэгуми, Урысейми и тхыдэм куэдкIэ зимыхъуэжыну пIэрэт?» Къалмыкъым укъытепсэлъыхькIэрэ, нэгъэсауэ пхуэгъэбелджылынукъым абы и зы гъуэгуанэ щхьэхуэ. Юрэ щIэныгъэлIт, къэрал къулыкъущIэт, юристт, бэдаущ лIыкIуэт, лъэпкъым и къуэ пэжт. Нэхъыщхьэжыр аращи, ар – щIылъэм къытехъуа цIыху лъэпкъым и зы бын щыпкъэт. ХХ лIыщIыгъуэм къриубыдэу, Урысейм щылэжьа юрист нэхъыщхьэхэм я цIэр къыщраIуэм, Собчак Анатолий япэу зи цIэ жиIахэм яхэтащ Къалмыкъ Юрэ. Дауи, апхуэдэ еплъыкIэм щапхъэ хуэхъуар адыгэ щIалэм и дуней тетыкIа, Iуэху зехьэкIэ иIам и купщIэрат. Къэрал Iуэхузехьэ куэдми Юрэ и цIэ ираIуэкIэрэ, утыкум щагъэбелджылащ абы и пщIэр, щIыхьыр. Ауэ, гъэщIэгъуэныр нэгъуэщIщ. Сыт къыхужамыIами, дапхуэдэ псалъэ дахэ и IэщIагъэм, щIэныгъэм, дуней тетыкIам хуэунэтIауэ хуамыусами, а псом хэмыту хъутэкъым Юрэ и зы хьэл-щэн гъэбелджылар – ар цIыхугъэм и лIыкIуэу дунейм зэрытетар. Къалмыкъым и гъащIэр иухами, «и Iуэху къуэпсхэр гъужакъым» зыхужаIэхэм ящыщщ. 2008 гъэм Черкесск къалэм и утыку нэхъыщхьэм къыщызэIуахащ Юрэ и фэеплъ сын. «Сыт гъащIэр зиIысыр?»- жэуэ пасэрей акъылыфIэм щеупщIым, «ГъащIэр- лъэбакъуэу хэпсэракъым, атIэ абы щхьэмыжу къыпыкIэращ»,- жиIащ жи. Мы гъэм илъэс 81 ирикъун хуея Къалмыкъ Юрэ езыр къытхэмытыжми, и щхьэмыж бэгъуахэм ноби лъэпкъыр иропсэу. Тхьэм абыи, нэгъуэщI ди цIыху гъуазэу къытхэмытыжхэми я фэеплъым хуэфэщэн лъэпкъыу дигъэпсэу! Источник: riakchr.ru
1676 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный