Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов и региональный министр сельского хозяйства Умар Биджиев обсудили ряд ключевых вопросов развития агропромышленности в регионе Актуально «Россети Северный Кавказ» приступили к ремонту оборудования 30 подстанций в Карачаево-Черкесии Актуально В Карачаево-Черкесии состоялся финал регионального фестиваля школьных театров «Живая сцена-2025», посвящённого Году защитника Отечества Актуально Региональный этап Всероссийской военно-патриотической игры «Зарница 2.0 » проходит в КЧР Актуально Глава КЧР Рашид Темрезов призвал жителей республики принять участие в голосовании за проекты «Формирование комфортной городской среды» нацпроекта «Инфраструктура для жизни»  

ЩакIуэбзэр зэкiуэлiым и псэт

30.10.2019 618
ЩакIуэбзэр зэкiуэлiым и псэт
«ЩакIуэбзэкIэ» зэджэм и щэхур адыгэ зекIуэлIхэм яубзыщIу щIыщытам и щхьэусыгъуэхэм, мызэ-мытIэу, еджагъэшхуэ тхыдэтх куэд ирипсэлъащ. Ауэ псоми я еплъыкIэхэр, сыт хуэдизу зэщхьэщымыкIми, нэхъыщхьэ дыдэр зэтохуэ: езыхэм къанэмыщIа зэрымыпсэлъэф, зэрызэгурымыIуэ бзэм къахуихъумэт я тIасхъэр икIи зыпэмыплъа лъэпощхьэпо куэдым а щIыкIэм къригъэлт. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, бийм ебгъэрыкIуэн ипэкIэ тхьэкIумэкIыхьыр зэрыщIагъэIэну Iэмалхэр щакIуэбзэкIэ зэIэпахт. КъызэралъытэмкIэ, зауэм хэтынухэм къэрабгъагъэр тхьэкIумэкIыхь цIыкIум ящхьэщихт, абы пкъырыхьэт, Iэмал имыIэуи, щIежьа Iуэхугъуэхэр къэтыныгъэншэу къайхъулIэт. Абы и закъуэтэкъым, щхъухь къезыхыну къапэув бзаджэнаджэхэм – шейтIан, жын, уд хуэдэхэм я зэран щакIуэбзэ щэхум къаригъэкIтэкъым. МащIэрэ къэхъуакъым текIуэныгъэр къэзыхьа адыгэ зауэлIхэм яIурылъ бзэ къызэрымыкIуэр къазэрыIурилъхьам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ, уеблэмэ тхьэлъэIу хуащIу. ЩакIуэбзэм теухуауэ пасэрей хъыбарыжь куэд зэIэпахыурэ къэгъуэгурыкIуащ 1950 -1960 гъэхэм псэуа нэхъыжьыфIу ди къуажэхэм дэсахэм. Апхуэдэу хъыбар гъэщIэгъуэн куэдым сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ хагъэдаIуэт Хьэгъундыкъуеижьым (Али - Бэрдыкъуэ) дэсахэу ТыIэщ Мыхьэмэт, Аслъэныкъуэ (Думэней) Шу, Пхъэш Хьэжуэсмэн, Унэжь Гъузер, ПIэф Хьэлэ, Дзэмыхь Къэнэмэт, Хьэжмэстафэ Сомэдин, Бэзджэн Кълыш хуэдэхэу нэхъыжь губзыгъэхэм, къуажэсдэсхэр «хъыбар ныбэкIэ» зэджахэм. ЩакIуэбзэм ирипсэлъэф, ар зыщIэж цIыхухэр дэсащ Къэсейхьэблэжьми (Хьэбэз). Апхуэдэхэт Уэрдокъуэхэ Мырзэбэчрэ Бэчмырзэрэ, Даур Мел сымэ. АлъэсШыдым теухуа хъыбар МВД – м къикIыу езы щIалэщIэр нобэ мы утыкум си гъусэу итамэ, и егъэджакIуэм, къыдэлэжьа гупым фIыщIэ зэрахуищIынур. АдэкIи ефIэкIуэну сыхуохъуахъуэ!.. жиIащ продюсерым «Дылда» фильмым лъабжьэ хуэхъуар Алексиевич Светланэ и «У войны не женское лицо» тхылъращ. Ар теухуащ зауэм къикIыжу Ленинград къэкIуэжа пщащэхэр мамыр гъащIэ яухуэну зэрыхущIэкъум. ЛIыхъужь нэхъыщхьэхэм я ролхэр зыгъэзэщIар Мирошниченкэ Викториерэ Перелыгинэ Василисэрэщ. «Особый взгляд» Iыхьэм и къэпщытакIуэ гупым я тхьэмадэу щытар Ливаным щыщ режиссёр Лабаки Надинщ, абы и гъусащ Аргентинэм къикIа режиссёр Алонсо Лисандрэ, франджы актрисэ Фоис Маринэ, Бельгием щыщ режиссёр Донт Лукас, нэмыцэ продюсер Шекерджи-Порст Нархан. Фильмыр мэкъуауэгъуэм (июным) и 20-м ди къэралым щагъэлъэгъуэнущ. Ди корр. чырейкIэ (ЖьакуэкIэ) уIэбэмэ, щакIуэбзэ хъыбархэр къэхъуа - къэщIа дыдэхэмкIэ щIагъэбыдэжыфхэт Шыбзыхъуэ Хьэрун, Акъ Угъурлы, Гъуэт Iэюб сымэ хуэдэ Iэджэми. Локъуажэ ЦIыкIу щыпсэуа хъыбарыжьIуатэхэм ящыщт зи напэлъагъур тэрэзу сымыщIэж Късал Зэчрей – си анэм и адэр. Ди анэм игу къызэригъэкIыжу щытамкIэ, Зэчрей езыр абазэми, адыгэ IуэрыIуатэм хуэIэзэт, гъыбзэжьхэр, хъыбарыжьхэр адыгэбзэ курыхкIэт зэрыжиIэжыр. «Ар шы бэлыхьитI гум щIэщIауэ Елбыргъэн мэзым пхъашэ щыкIуэкIэ, – иджыри си тхьэкIумэм итщ ди анэм сызыхигъэдэIуар. – сэри сыцIыкIуу сыщыздишэ щыIэт. Абы Къардэн Хужьэ пщащэ цIыкIум ирагъэшэча хьэзабхэр къэзыIуэтэж гъыбзэжьыр апхуэдизу гуузу, укъуэдияуэ жиIэти, шы пцIэгъуэплъитIми я тхьэкIумэр дзасэу ягъэкIыурэ зыдэущым едэIухэт…» Ауэ сэ сигу нэхъыбэу къинэжар, адыгэбзэми абазэбзэми щымыщу, дадэм псалъэ гуэрхэр мызэ-мытIэу къызэрыжьэдэкIаращ. ИужькIэ къэсщIащ а псалъэхэр зэрыщакIуэбзэр. Езы дадэм и жыIауэ, «мэзхъумэ гъуамэм» хуэмызэу, къэзэуат хэмыхуэу, щIежьа пхъэ гулъэр къишэн щхьэкIэт. Сэри а гъыбзэ дыдэм хэлъ псалъэхэм сыхуишащ мыпхуэдэ гупсысэхэм. «ХужьэкIэ зэджэ мыгъуэри, пщащэ гуакIуэт, Къырымым и бжьэхуцри уэр и щIыфэт…» псалъэхэр ди тхакIуэ икIи усакIуэ гъуэзэджэ Уэхъутэ Абдулыхь и поэмэ цIэрыIуэ «Хужьэ и къуэладжэм» къыщимыгъэсэбэпауэ пIэрэ? А гъыбзэжьым лIыжьым къыкIэлъихьат и щакIуэбзэри. ЩакIуэбзэ хъыбархэм хуэIэзэу щытахэмрэ тхыдэ къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэмрэ, зэрыгъэIущам хуэдэу, зы акъылым хуокIуэж: щакIуэбзэмкIэ узыгурыIуэну дунейм тетыр хьэкIэкхъуэкIэмрэ къуалэбзухэмрэщ. ЗекIуэ гъуэгуанэ шынагъуэ утехьауэ а бзэмкIэ захуэбгъазэми, зи бзэ умыщIэ дэтхэнэрей псэущхьэри къыбдэIэпыкъунут! Тхыдэтх куэди шэсыпIэ йоувэ ди лъэпкъым и тепщэрэ и пашэу щытахэм щакIуэбзэр къадежьауэ, абыхэм унафэ тэмэм къащтэн щхьэкIэ къагъэсэбэпауэ. Абыи пэж хэмылъу пхужыIэнукъым. Пщыхэр цIыху Iув хэту щызэхуэзэкIэ, хэти къыгурымыIуэну бзэ убзыщIакIэ зэпсалъэт, жи. Ауэ куэд щыгъуазэтэкъым щакIуэбзэр адыгэбзэ дыдэм зэрикъуэпсым. Псалъэм папщIэ, «бжэныр» «бхьэну», «кIэщIыр» «кIэншэу» къапсэлът. «Шыр» – «къуалэт», «мафIэр» – «мапхьэт», «нэгъуэнэр» – «Нэм и нэхут». Пэжу, адыгэ лIакъуэ псори а зы жыпхъэм иту, зэщхьыркъабзэ щакIуэбзэкIэ зэпсалъэтэкъым. Я лIакъуэбзэхэр зэрызэщхьэщыкIым хуэдэу, къагъэсэбэп псалъэхэри зэщхьэщыкIт. А псоми езым и акъыл къызэрихькIэ тетхыхьыгъа, Урысыдзэм и офицер Торнаоу Ф. Ф. игу къызэригъэкIыжамкIэ, щакIуэбзэкIэ щхьэхуэу здызэпсэлъэн хэщIапIэ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ яIэжт. Здызэпсэлъэну пщыIэшхуэ, зыхуэныкъуэну псомкIи къызэгъэпэщауэ, яухуэт. Пщым и шэсэгъу-дзыхьщIэгъухэм ячэнджэщын, е я дзыхь яригъэзын щхьэкIэ а хэщIапIэм щызэхуэса зиусхьэнхэм ирамыгъэблэгъа яхыхьэну хуиттэкъым. Езы пщы дыдэри, и анэм къыдилъхуа и къуэшрами, хуиттэкъым Iизын кърамытауэ апхуэдэ гупым яхишэну. Швейцарым къикIыу дунеяплъэ е 19-нэ лIыщIыгъуэм адыгэхэм къахуеблэгъа Ф. Дюбуа де Монпере къыщIэна сатырхэм мыпхуэдэу дыкъыщоджэж: «ЗекIуэ щыIа пщыхэр, уэркъхэр, я шэсэгъухэр, бжьыхьэ пIалъэм ехъулIэу, зы щIыпIэ хэха щызэхуэсыжти, къызэрыкIуэ цIыхухэр зыщымыгъуазэ я IуэхущIафэхэм тепсэлъыхьыжт икIи езыхэм ящымыщым къыгурымыIуэну «такобзэкIэт» зэрызэпсалъэр. Ауэ Дюбуа адыгэбзэр ищIэтэкъым, лингвист щIэныгъэми хищIыкI щыIэтэкъыми, езым къыгурымыIуа куэд пхэнжу итхыжащ. Абы итхыжахэм тепщIыхьмэ, щакIуэбзэр хъуэгъэщагъэрэ хьилагъэ защIэу, цIыхур зыгъэIуэщхъу Iэмалу зэхэлът. Абы къыщхьэщыкIыу, нэгъуэщI авторым – Рейнеггс гу лъитащ адыгэ лIакъуэ къэс езым и щэхубзэ къызэрыдекIуэкIам. Пэжу, абыи иригъэлеящ щакIуэбзэ зыIурылъ пщыхэмрэ уэркъхэмрэ адыгэхэм ящымыщу, хамэ хэку жыжьэ гуэрым къикIыу къахыхьа хуэдэу игъэIури. Ауэ Ф. Дюбуа де Монперерэ нэгъуэщIхэмрэ къащхьэщыкIыу, къэхутэныгъэр, гъуэщагъэ щIагъуэ хэмылъу, нэхъ гъэтIысауэ езыгъэкIуэкIар Польшэм щыщу дунеяплъэ къежьа Ян Потоцкэращ. Абы итхыжащ щакIуэбзэр адыгэ аристократым щхьэхуэу зэрыIурылъыр, езым хуэдэу тетыгъуэ зыIыгъхэм мыхъумэ нэгъуэщIхэм къагурымыIуэу икIи абы ирипагэу. Дэтхэнэрей адыгэпщми, и жылэр, и унэр къигъанэу жыжьэу мэз пхыдзахэмрэ къуршхэмрэ щекIуэкIкIэ, унэ дыдэм ещхьу пщыIэшхуэхэр иригъэщIт, жыг абрагъуэхэм къахригъэщIыкIыурэ. Апхуэдэу щежьэкIэ гъусэ зыхуищIыр нэхъ и дзыхь зригъэз уэркъ щауэхэрат. Армырамэ, езым и унагъуэм, Iыхьлыхэм ящыщ зы псэ и хэщIапIэ щэхум бгъэдыхьэну хуиттэкъым. А псоми къадэкIуэу, хэщIапIэ жыжьэ щыIэхэм я нэкIум уимыплъэфыну, ажэгъафэкIэ зэхуащIт, зэрызэпсалъэри езыхэм яIурылъ щакIуэбзэрат. Апхуэдэу щIащIыр мылъку къахьыну-къашхыну зекIуэ ежьэн ипэкIэт, е зауэм зыщыхуагъэхьэзыркIэт. Адыгэхэм я мызыкъуэу, гупым я пашэм къригъэблагъэт нэгъуэщI лъэпкъхэм я лIыкIуэ цIыху цIэрыIуэхэри – мыщхъышхэм (ингушхэм), осетинхэм, нэгъуэщI бгырыс лъэпкъхэм ящыщу пщIэрэ щхьэрэ зиIэхэр. Псори ялейуэ а зы щакIуэбзэмкIэ зэгурыIуэт. Лъы ящIэжын хуей хъуми, апхуэдэ щIыпIэ гъэпщкIуарат зэрыкIыр, я жылэ дыдэри ямыгъэнаIуэу. Инджылыз къэкIухьакIуэ Дж. Белли гу лъитащ тепщэныгъэр зыIыгъхэр я пашэу, щакIуэбзэр зыIурылъхэр я бийхэм зэрытеуэ щIыкIэмрэ зекIуэ зэрежьэмрэ яхьэлIа хабзэхэм. Къигъэлъэгъуащ зекIуэлIхэм я нэкIум уимыплъэфыну зэрыщIахъумэри. Зэманымрэ гъащIэмрэ я пIэ зэримытым, абыхэм зызэрахъуэжым елъытауэ, зихъуэжурэ къекIуэкIащ щакIуэбзэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэри. ИщхьэкIэ зи цIэ итIуа хъыбарIуатэ нэхъыжьыфIхэм щакIуэбзэр къазэрылъэIэсар IэджэкIэ нэхъ ягъэншэу, хуабжьу зихъуэжауэщ. АтIэ абыхэм ящIэу щыта щакIуэбзэр мэзымрэ къуакIэбгыкIэмрэ щакIуэ кIуэ цIыхухэм къагъэсэбэпу, а къагъэсэбэпри зырыз дыдэм мыхъумэ зэрамыщIэжымрэт. Сыт хуэдэ лъэхъэнэм къыдемыкIуэкIами, пасэрей щакIуэбзэр ди адыгэ шэнхабзэм епхауэ и зы Iыхьэщи, абыхэм я лъэужьым урикIуэмэ, гъэщIэгъуэн куэдым ущигъэгъуэзэнущ, нэхъыбэжми гу лъыуигъэтэнущ.
618 просмотров


Комментарии

Написать
Комментарии >



Подписывайтесь на RIAKCHR в Одноклассниках Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “ВКонтакте” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный
Вступайте в сообщество RIAKCHR в “Telegram” Получайте свежие статьи и новые публикации на свой мобильный